Основы адыгского стихосложения - Кабардино

реклама
Бозиева Н.Б.
РАБОЧАЯ ТЕТРАДЬ
ПО УЧЕБНОЙ ДИСЦИПЛИНЕ
«ОСНОВЫ АДЫГСКОГО СТИХОСЛОЖЕНИЯ»
Направление подготовки
032700 Филология
Профиль подготовки
Отечественная филология (Кабардинский язык и литература, Кабардинский
язык и литература СП)
Квалификация (степень) выпускника
Бакалавр
Форма обучения
очная
Нальчик – 2013
Рецензент
Хавжокова Л.Б. – к.ф.н., научный сотрудник сектора кабардиночеркесской литературы КБИГИ
Рабочая тетрадь по учебной дисциплине «Основы адыгского
стихосложения» / сост. Н.Б. Бозиева. – Нальчик: ФГБОУ ВПО КБГУ, 2013 г.
- 38 с.
Рабочая тетрадь по дисциплине "Основы адыгского стихосложения"
составлена с учетом Федерального государственного образовательного
стандарта высшего профессионального образования по направлению
подготовки, утвержденного приказом Министерства образования и науки
Российской Федерации «14» 2010 г. № 34.
В рабочей тетради представлены задания по самостоятельной работе
студентов, список (перечень рекомендуемой основной и дополнительной)
литературы.
Для студентов-филологов национальных отделений вузов КабардиноБалкарии, Адыгеи, Карачаево-Черкессии, обучающихся по направлению.
Составитель __________Н.Б. Бозиева
2
СОДЕРЖАНИЕ
1. Введение
2. Задания по самостоятельной работе
3. Литература
3
Введение
В
школьной
стихосложения
программе
по
занимают
кабардинской
значительное
литературе
место.
вопросы
Программой
предусматривается, что выпускники средних школ должны обладать
определенным
минимумом
знаний
по
теории
литературы.
Однако
преподавание проблемы стихосложения в национальных школах стоит не на
должном уровне. И это связано с тем обстоятельством, что в кабардинском
литературоведении вопросы стихосложения разработаны недостаточно и
сами учителя-словесники не обладают глубокими познаниями в области
теории стиха. В какой-то степени, исправляя этот пробел, студентам старших
курсов национального отделения университета читается данный спецкурс.
Он
должен
познакомить
их
с
основными
вопросами
адыгского
стихосложения.
Цели и задачи изучения дисциплины
Целями освоения дисциплины (модуля) являются:
1. выработка у студентов навыков разбора стихотворения, выявление
размера стиха;
2. знакомство с теоретическими исследованиями в области адыгского
стихосложения;
3. расширение знаний по кабардино-черкесской литературе;
4. обучение студентов правильно ориентироваться в существующей
литературе
по
данной
проблематике
с
позиции
исторической
студентов
с основами
объективности.
ЗАДАЧИ ДИСЦИПЛИНЫ:
1. глубокое и
всестороннее
ознакомление
адыгского стихосложения;
2. знакомство с художественными произведениями поэтов;
3. знакомство с особенностями адыгского стиха, со своеобразной
народной рифмой, спецификой силлабо-тонического стихосложения.
4
Требования к уровню освоения содержания дисциплины
Круг знаний и практических навыков, приобретаемых в результате
изучения курса «Основы адыгского стихосложения» должен быть широким и
разнообразным.
В результате изучения курса студенты должны овладеть рядом
практических навыков в сфере стиховедческого анализа текста.
Студенты должны ЗНАТЬ:
 историю национальной культуры;
 основные предпосылки возникновения и развития литературы;
 этапы развития кабардино-черкесской литературы;
 фундаментальные понятия адыгского стихосложения;
 творческий путь ведущих национальных поэтов; основные размеры
стихосложения, используемые в их произведениях;
 современное состояние кабардино-черкесской поэзии.
УМЕТЬ:
 применять
полученные
знания
при
изучении
других
филологических дисциплин;
 выделять конкретные литературные факты в прикладной сфере
профессиональной деятельности;
 пользоваться
научной
и
справочной
литературой,
библиографическими источниками и современными поисковыми
системами;
 ориентироваться в вопросах стихосложения;
 глубоко
анализировать
стихотворения,
определять
их
художественные особенности, ритмику, рифму, размер.
ВЛАДЕТЬ:
 навыками анализа поэтических произведений;
5
 способностью
применять
знания
в
практической
профессиональной сфере;
 глубоко разбираться в проблемах адыгского стихосложения.
6
2. ЗАДАНИЯ ПО САМОСТОЯТЕЛЬНОЙ РАБОТЕ
Темэ 1
Адыгэ усэ гъэпсыкIэр джыным и тхыдэ
1.
Усэ
 усэкIэ зэджэр вгъэбелджылы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэ
зэвгъэпэщи ифтхэ. Щапхъэ къэфхь;
 усэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр фтхы;
 усэмрэ прозэмрэ я зэхущытыкIэр зэхэвгъэкI. Таблицэм фелэжь:
нэщэнэхэр Зэщхьу яхэлъ зэрызэщхьэщыкI
усэ
прозэ
 усэр
бзэм
и
лIэужьыгъуэу зэрыщытым щыхьэт
техъуэ
псалъэхэр фтхы;
 паузэкIэ зэджэр вгъэбелджылы. Усыгъэм и терминхэм я
псалъалъэм ифтхэ;
 усэм паузэм щигъэзащIэ къалэныр зэхэвгъэкI;
 я
къэпсэлъыкIэ
елъытакIэ
щыIэ
паузэ
лIэужьыгъуэхэр
къыжыфIэ. Щапхъэ къэфхь;
 усэм и макъ зэхэлъыкIэм щыгъуазэ зыфщI.
 усэр интонациекIэ къызэгъэпэща зэрыхъум фытепсэлъыхь;
 усэ
лIэужьыгъуэ
нэхъыщхьэхэр
щыIэхэр
къэвгъэлъагъуэ.
фтхы.
Абыхэм
Усыгъэм
и
я
нэщэнэ
терминхэм
я
псалъалъэм ифтхэ.
2.
РифмэкIэ зэджэр фтхы. Щапхъэхэр къэфхь.
3.
Ритм:
 ритмкIэ зэджэр фтхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм ифтхэ.
Щапхъэхэр къэфхь;
 усэм хэлъ ритмыр сыт хуэдэнуми зэлъытар зэхэвгъэкI;
 ритмым къежьапIэ хуэхъуар фтхы;
7
 ритмыр усэм и къару нэхъыщхьэхэм ящыщу къалъытэр. Абы
щыхьэт техъуэ урыс усакIуэшхуэ В.В. Маяковскэм и псалъэхэр
къэвгъуэти фтхы.
4.
Усэ гъэпсыкIэхэр:
 усэ гъэпсыкIэкIэ зэджэр зэхэвгъэкI. Усыгъэм и терминхэм я
псалъалъэм ифтхэ;
 щIэныгъэлIхэм нобэкIэ къахутауэ щыIэ усэ гъэпсыкIэхэр фтхы;
 усэ гъэпсыкIэ къэс зэпкърыфх, и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр къифIуэ.
5.
Адыгэ усэ гъэпсыкIэр джыным елэжьахэр, абыхэм я лэжьыгъэу
къэнахэм я фIэщыгъэцIэхэр фтхы.
6.
С. Нечаевым адыгэ усэ гъэпсыкIэм ехьэлIауэ иIа гупсысэхэм
щыгъуазэ зыфщI.
7.
«Къэбэрдей усэхэм, жьыхэми, щIэхэми, сэ зы жыпхъэ пыухыкIа
къыщызгъуэтакъым, ауэ ахэр хьэрыпхэмрэ къэжэрхэмрэ я щапхъэм тету
рифмэкIэ къулейщ»! гупсысэхэр жызыIа щIэныгъэлIыр зэхэвгъэкI.
8.
Нэгумэ Шорэ адыгэ усэ гъэпсыкIэхэм ехьэлIауэ иIа гупсысэхэм
щыгъуазэ зыфщI.
9.
Ф. Юхотниковым адыгэ рифмэм ехьэлIауэ «Кавказым къикI
письмохэр» и лэжьыгъэм щиIа гупсысэхэр фтхы.
10. Хъан-Джэрий:
 Хъан-Джэрий и «Шэрджэсым теухуа тхыгъэхэм» адыгэ усэ
гъэпсыкIэм и хьэлхэм теухуауэ щитха гупсысэхэр къыхэфтхыкI;
 «Шэрджэсым теухуа тхыгъэхэм» Хъан-Джэрий адыгэ IуэрыIуатэм
и рифмэм теухуауэ щыуагъэ щыIэщIэкIахэр къэфхутэ;
 «Шэрджэс хъыбархэм» тхакIуэм рифмэм и щытыкIэм теухуауэ
щыжиIахэр къыхэфтхыкI.
11.КIашэ Адэлджэрий:
 «Адыгэ уэрэдхэм я хьэлыр» лэжьыгъэр зэпкърыфх;
 Адыгэ IуэрыIуатэм зэригъэпэща рифмэм ехьэлIауэ щIэныгъэлIым
иIэ еплъыкIэхэр фтхы.
8
12.Иджырей зэманым усэ гъэпсыкIэр джыным зи гуащIэ хэзылъхьахэр.
13.КIуащ БетIал и «Нарт эпосым и усэ гъэпсыкIэр», «Къэбэрдей усэм и
ухуэкIэр» лэжьыгъэхэм фыкъеджи, щIэныгъэлIым иIа еплъыкIэхэм
щыгъуазэ зыхуэфщI.
14.Усэ гъэпсыкIэм теухуауэ Нало Заур иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр.
15.Усэ
гъэпсыкIэм
теухуауэ
Пщыгъуэтыж
теухуауэ
ХьэкIуащэ
Алий
иригъэкIуэкIа
Андрей
иригъэкIуэкIа
лэжьыгъэхэр.
16.Усэ
гъэпсыкIэм
лэжьыгъэхэр.
Темэ 2
Адыгэ IуэрыIуатэм и усэ гъэпсыкIэр
1. Адыгэ
уэрэдым
макъамэмрэ
ежьумрэ
щагъэзащIэ
къалэнхэр
зэхэвгъэкI.
2. КъардэнгъущI З. и "Адыгэ уэрэдыжьхэм я зэпкърылъыкIэр"
лэжьыгъэр:
1) КъардэнгъущI З. и "Адыгэ уэрэдыжьхэм я зэпкърылъыкIэр"
лэжьыгъэм я гъэпсыкIэ, ухуэкIэ я лъэныкъуэкIэ адыгэ уэрэдхэр
зэрыщигуэшыр къыхэтхыкI.
2) КъардэнгъущI З. и "Адыгэ уэрэдыжьхэм я зэпкърылъыкIэр"
лэжьыгъэм щыуагъэу хэту къэплъытэхэр тхы.
3) Лэжьыгъэм макъамэмрэ псалъэмрэ я зэхущытыкIэм ехьэлIауэ
къыщыIэта гупсысэхэр къыхэтхыкI.
4) КъардэнгъущI З. и "Едзыгъуэр сатыр дапщэ хъуми апхуэдиз ежьу
яIэщ" гупсысэм зегъэужь.
5)
КъардэнгъущI
З.
адыгэ
уэрэдхэр
зэрызэщхьэщигъэкI
лIэужьыгъуэхэр тхы.
3. Макъамэм уэрэдым ирит зэхъуэкIыныгъэхэм тепсэлъыхь.
4. Тоническэ усэ гъэпсыкIэкIэ зэджэр, абы и нэщэнэ нэхъыщхьэр тхы.
Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ. Щапхъэхэр къэхь.
5. Нало З. и лэжьыгъэхэм адыгэ уэрэдыжьхэм я композицэм и ухуэкIэм
9
теухуауэ щиIэ гупсысэхэр къэгъуэти тхы.
6. Усэхэм и гъэпсыкIэр вгъэбелджылы. Сатыр къэс пычыгъуэкIэ
зэпывуд, ударенэр тевгъэувэ, схемэ хуэфщI.
1) Уэ Лъэпщу си къан,
ГъущI нэгум иплъыхь,
ЗэIыхьэ сыхъуащ,
Ущыту мыбдеж
Жыр куэпкъыр схуэщIынкъым.
Къарууэ сиIар
Iэрылъхьэ мэхъуж,
Жыр куэпкъым сезэгъкъым
ЕувалIи, уэ щIыж.
2) МакIуэ, макIуэ Япэнэс,
ПсыкIи, бгыкIи къэмыувыIэ,
ГъащIэу иIэр зыгугъэщ,
И гугъапIэр Дахэнагъуэщ,
Дахэу щыIэм я нэхъ дахэрщ.
МакIуэ, макIуэ Япэнэс,
Псышхуэ гуэрым ар нокIуалIэ,
ЕмылIалIэу псым зыдикIым
МэкIэ къещIэ благъуэ гуэрым.
3) Нартхэ ди Бэдынокъуэ....
Нартхэ ди лIы икъугъэ...
Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъуи...
Хьэрхуэрэгъу зи бащэ...
И зы пкъыгъуэри пкъыгъуищэ...
4) Андемыркъаныр тенджыз тIуащIэм къыщалъху.
Шышэр и Iусти, Андемыркъаныр къыдокI.
ПщIэгъуалэ кIэщIыр Андемыркъаным хуагъафIэ,
Афэхум и быдэр Андемыркъаным щатIагъэ.
10
Бгъэшхуэр тохуарзэ, Андемыркъаныр ныдех,
ЩIылъэм къыщехкIэ, джатэпэ-бжыпэкIэ къыIах.
5) Хъуэдзым и зэуэгъуэм тэтэрым и шуупэжьыр ущу дехужыр.
Пхэнием и джатэр нартым ядощI, ироуэри щхьэр къыфIедзыжыр...
7. Цезурэ
1) ЦезурэкIэ зэджэр усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
2) ЩIэныгъэлIхэм абы теухуауэ яIэ еплъыкIэхэр къыжыIэ.
8. Усэхэм и гъэпсыкIэр вгъэбелджылы. Сатыр къэс пычыгъуэкIэ
зэпывуд, ударенэр тевгъэувэ, схемэ хуэфщI, цезурэр вгъэув.
1)
Пщы сэхъуар Елджырыкъуэпщщ, брумэ унелъэ-къелъэщ,
КIасэбийхэ я Акъсакъалым и джатэпэр къытхуегъэжан,
И маисэу къигъэжанамкIи къалэбжэр къыхиупщIыкIщ,
Къургъуокъуэхэ ЖандариифIри уи дзэ зешэнмэ хэмыкI.
2)
Я унащхьэри, уей лажьэ, къаугъуэн,
Уоредэ, уэреда.
КIапсэ гъурхэр, уей лажьэ, зэпешхыкI,
Уоредэ, уэреда.
3)
Сагъындакъхэри, уаредэ, бжыпэ мазэщи, мэщIытэ,
Джатэуэнри, уаредэ, жагъуэм и пщэм дырехуэ.
4)
Сосрыкъуэу ди къан
Сосрыкъуэу ди нэху...
Уэ дзэр зезышэри
уэрэдэ, дяужь имыкIи...
Темэ 3
Адыгэ уэрэдхэм я строфар
1. Строфам теухуауэ
1) СтрофакIэ зэджэр сыт? Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
2) Строфа лIэужьыгъуэу щыIэхэр къебжэкI. Щапхъэхэр къэхь.
11
2. Адыгэ уэрэдхэм я строфам ехьэлIауэ КIуащ Б., Нало З., Пщыгъуэтыж
А., ХьэкIуащэ А. сымэ я еплъыкIэхэр.
3. "Ашэмэз и пшыналъэ" жыхуиIэм хэт строфа лIэужьыгъуэхэм щыгъуазэ
зыхуэщI. Сатырищ-сатырыбл строфахэм я щапхъэ зырыз къыхэтхыкI.
4. Усэхэм и гъэпсыкIэр вгъэбелджылы. Сатыр къэс пычыгъуэкIэ зэпывуд,
ударенэр тевгъэувэ, схемэ хуэфщI, усэр зэрыхъу строфа бжыгъэр
зэхэвгъэкI.
1)
Дыщэ хъурейри щагъэж,
Зы бжэ нэхъи имыIэ.
Си уэрэд-уэреда,
Уэ си уэреда.
Зы псынэ иIэщи мыващIэщ,
Псыуи къыщIэжыр фоупсщ.
Си уэрэд-уэреда,
Уэ си уэреда.
2)
Къэндзэгущхьэм утызолъхьэри,
Уэр си Адииху,
ХъумпIэцIэджым усфIашхынущ,
Уэр си Адииху.
Жыг дыкъуакъуэм удызолъхьэри,
Уэр си Адииху,
КъуанщIэ фIыцIэхэм усфIашхынущ,
Уэр си Адииху.
3)
Дыщэурэ си бгырыпх цIыкIумэ, дуней,
Си бгыр мащIэу къекъузмэ,
Таукъаным и гузэвэгъуэмэ, дуней,
Гъыбзэшхуэр сигъэуса мыгъуэщ.
4)
Шууищэм фIэкIыу
Минищэ хъуми
Си лъагъуныгъэм пэмылъэщын!
12
Си лъагъуныгъэм лIыгъэр щIэмыхьэм,
Узикъэшэну дауэ слъытэн?
5. Сатыриблу зэхэт строфам и щапхъищ адыгэ уэрэдхэм къыщывгъуэти
фтхы.
6. Сатырийуэ зэхэт строфам и щапхъищ адыгэ уэрэдхэм къыщывгъуэти
фтхы.
7. Тираднэ строфакIэ зэджэр тхы. Абы и щапхъэ адыгэ уэрэдхэм
къыхэгъуатэ.
8. РефренкIэ зэджэр тхы. Абы и щапхъэ адыгэ уэрэдхэм къыхэгъуати
къыхэтхыкI.
Темэ 4
Адыгэ уэрэдым и рифмэр
1. РифмэкIэ зэджэр усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
2. Абы ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм я еплъыкIэхэр тхы.
3. Рифмэм и къежьэкIэ, и зыужьыкIэ хъуам теухуауэ щIэныгъэлIхэм я
къэхутэныгъэ иджыкIэ щыIэхэр.
4. Адыгэ уэрэдхэм я рифмэм и щхьэхуэныгъэхэр къебжэкI.
5. АллитерацэкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэ къэхь.
6. АссонанскIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэ къэхь.
7. АкромонограммэкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм
итхэ. Щапхъэ къэхь.
8. Усэхэм я гъэпсыкIэр вгъэбелджылы. Сатыр къэс пычыгъуэкIэ
зэпывуд, ударенэр тевгъэувэ, схемэ хуэфщI, усэр зэрыхъу строфа
бжыгъэр зэхэвгъэкI, къыщыгъэсэбэпа рифмэ лIэужьыгъуэр фубзыху.
Рифмэ къэзыгъэхъу пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ щIэфтхъэ.
1)
НэджэIуджэу,
Ныбжьэгъу къыкIэлъымыджэу,
13
Iэшэу, лъашэу,
Iушэу, нашэу,
Дэгуу, бзагуэу,
Нэфу, хьэфизу
2)
Щэджащэу ди Щолэхъужь,
Щауэхъуми я нэхъ щэджащэ,
Щолэхъужьыр Iэпхъуамбэ пIащIэт,
Езы гущэр шэпIащэрыуэт
3)
Фащэм и лъапIэр щад-щабзу,
Шабзэм и кIапсэр щагъэшу
4)
Къызэдалъэфыр зэдыдиIусу,
Гъуэм исхэри дыздихуэдэу,
Пхафэм хэсхэр зэдыдибзууэ...
5)
IэкIуэцIищыр зы пхыру,
Пхырищэр зы Iэтэу,
Iэтищэр зы гъэсэгуу,
Гъэсэгуищэр зы щэджу,
Щэдж щий тезгъэуващ.
9. КIуащ Б. и "Нарт эпосым и усэ гъэпсыкIэр" лэжьыгъэм къыхэтхыкI
нарт пшыналъэм, адыгэ уэрэдыжьхэм рифмэм щиубыд увыпIэр.
10.Пщыгъуэтыж А. рифмэм лъэпкъ уэрэдхэм щагъэзащIэ къалэну
къилъытэхэр тхы.
Темэ 5
Силлабо-тоническэ усэ гъэпсыкIэр
1. Силлабо-тоническэ усэ гъэпсыкIэкIэ зэджэр, абы и нэщэнэхэр.
Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
2. СтопакIэ зэджэр. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр.
14
3. Силлабо-тоническэ усэ гъэпсыкIэм и жыпхъэхэр усыгъэм и
терминхэм я псалъалъэм итхэ.
4. ЯмбкIэ зэджэр. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ. Щапхъэ.
Схемэ.
5. ХорейкIэ зэджэр. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ. Щапхъэ.
Схемэ.
6. Дактиль. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ. Щапхъэ. Схемэ.
7. АмфибрахийкIэ зэджэр. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэ. Схемэ.
8. АнапесткIэ зэджэр. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэ. Схемэ.
9. Усэ едзыгъуэхэр зэпкърыфх мы схемэм тету:
 Усэр сыт хуэдэ жыпхъэм тету тхами зэхэвгъэкI.
 Сатыр къэс пычыгъуэкIэ зэпывуд, ударенэр тевгъэувэ, стопа
бжыгъэр къыжыфIэ.
 Схемэ хуэфIщи усэр зэрыт жыпхъэр къэфхутэ.
1)
СыкIуэнт нэхъ псынщIэу схузэфIэкIым, Мычэму си шыр согъэлъэхъу.
Ныбжьэгъу, уэ фIыкIэ уигу сыкъэкIым,
Си гъуэгу кIыхь хъуну къызэхъуэхъу.
Сэ куэдрэ, куэдрэ сигу къолъадэ
Шы жэр сытесу къэскIухьын,
Ди хэку губгъуэшхуэм сынилъадэу
Зэдэжэм пыIэр яфIэсхьын.
(КIыщокъуэ А.)
2)
Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту,
Ди хэкум къиши къысхуэгъэс.
Арат цIыхубзым къысхуищIэну
СызэрелъэIур нобэм къэс.
15
Кхъужьей къудамэм и гъусэнут
Псы уэр уэрэду си гъэфIэн.
Пшынэншэу къуршхэр къеуджэкIмэ,
Сахэт си гугъэу сыгуфIэнт.
(КIыщокъуэ А.)
3)
Уэр мыхъуам, сыбгъэ дамэншэт.
Шыуаныншэ лъахъшт,
Жыг къута щIэгъэкъуэныншэт,
Шэншэу жэм шхуэл къашт.
(КIуащ Б.)
4)
СIыгъщ мывэ телъыджэ,
Тхыдэр къигъэятэу,
СфIощI "ИстамбылакIуэ"
Гъыбзэр къысхуиIуатэ.
(Хьэнфэн А.)
5)
Сэтэней дахэу нэ пIащэ,
Дыщэгъуэ щхьэцыр зи щIакIуэ,
ЕкIуу гъэпсауэ уолажьэ,
Махуэ дыгъэпсым щыхэхъуэ!
Уэ умыгъагъэмэ - сыт дыгъэр?
Уэ умыгуфIэмэ - сыт IэфIыр?
Уэращ, си дахэу сэ си псэ,
ПсэукIэ псори зыгъэфIыр.
(ЩоджэнцIыкIу А.)
6)
Пщащэм и нэ,
И псэм хуехь
Гъатхэм и дахагъэр.
Гъатхэм и нэ,
И псэм хуехь
16
Пщащэм и дахагъэр.
(Тхьэгъэзит З.)
7)
Мажэ уэру Урыхужан къэкъуалъэу,
И псыпыхухэм щыщ макъ ин яIэт.
Хьэуэ, хужьу апхуэдизу лъалъэу
Ехыр псыкъым - цы удащ жыпIэнт.
Мес, Лусанэ а псы уэр ежэхым
Нэ къулэныр теплъызэурэ йоплъ.
Йоплъ хуэсакъыу щхьэщыхьауэ уэхым.
ЗиIэтауэ дыгъэм щIыр егъэплъ.
(ЩоджэнцIыкIу I.)
8)
МафIэр мэлъыхъуэ щхьэегъэзыпIэ,
Ауэ зыщIыпIи къыщимыгъуэт.
ЖыпIэну уафэр зэгуегъэзыпэ,
Зэм ди щхьэщыгум ар къыщохъуэпскI.
(Ацкъан Р.)
9)
Псалъэрыджэгур къэгъанэ,
Бзэм къыпыкIынур пцIы защIэщ,
Псэм зэхилъахъэр нэхъ пэжщ.
Ауэ акъылым ехьэхури,
Зы напIэзыпIэм мэбзэх ар.
(Къаныкъуэ З.)
10)
Жэщым и макъым щIэгъуалъхьэ гупсысэм
ЗыкъызешэкIри IэплIэ къысхуещI.
СIэщIэкIуэсыкIрэ къимыгъэзэжу
Псэм и щытыкIэр къэсщIэну сыхуейщ.
(Къаныкъуэ З.)
11)
Мо уэгум сыт щыгъуи сехъуапсэрт
ХуэбзыщIт зэрыхуейуи и щэху.
Мы щIылъэ гужьейм къыщыкIуасэм,
17
Иухуэнурэ вагъуэм нур кIапсэ.
(ГъущIо З.)
12)
Дунейм и къутахуэ сIэщIэлъхэр мэщащэ,
Щэнауэу гукъеуэр псэ лъащIэм щобзэх.
Мыпхуэдэу зэгуэр зэриухынур къэсщIат сэ,
Гупсысэ згъэпщкIуар къыпылъадэти бзэм.
(Къаныкъуэ З.)
13)
Уи вагъуэр си вагъуэм дыхыхьэу зы пшэху,
Щыхъунукъым фагъуэ, къахуэнэу зы щэху.
Арами, сигу накIуэм джэш дзыныр и Iуэху? КъеIэзэт, гъэIэсэт, си тIасэ.
(Бещтокъуэ Хь.)
14)
Бзий кIапэ удзыпэ кIэзызым къытощ,
ЖыпIэну гупсысэр уи нитIым къыщIощ.
КъыщIэщым и закъуэ, къащIихыу къысфIощI,
Абы къыщымынэ - къысхохьэ, къысхощ.
(Бещтокъуэ Хь.)
15)
Макъамэ телъыджэ
и джийм нур кIэзызыр щыжабзэу,
Щхьэгъубжэм къыдокI,
Си щхьэнтэпэм къоIусэ, къехъуапсэу.
Къэгъуэлъкъым макъамэр,
къэгъуэлъмэ, хэкIынущи и псэр,
Макъамэм къеIусэм
мы си псэр жэщ къабзэм хекъузэ.
(Бещтокъуэ Хь.)
16)
Гъэуназэ мы си щхьэр, пшынэбзэ,
Псэм хыхьэу уэрэдыр къэшэщI,
Сыт щыгъуи бзу цIыкIуу бзэрабзэ,
МакъамэкIэ си гур къэтхьэщI.
18
(Хьэвжокъуэ Л.)
17)
Къэзыхьари сымыщIэ, къыслъысауэ зы
«уэху» Псэ еша, бэлыхьищэ хэтам зегъэпсэху.
Нэхущ бзум и уэрэдым сыхьэт къеуэр
щIодэIу.
Тхьэ солъэIур дунейр хуэмызэну бэIутIэIу.
Къэушыну тхъуэплъышхуэу, къикIухьыну
ешыху.
ЕдэIуэну бзу цIыкIухэм я уэрэдым пэщыху.
(Бещтокъуэ Хь.)
18)
ХуэмыщIынут а уэшхым си жагъуэ,
Игъэмэхми и IэплIэмкIэ щIыр.
КъызжиIам, псыхьэлыгъуэ хъужауэ,
Удз лъэкIэнхэр иджы зэIепщIыкI.
(Къаныкъуэ З.)
19)
Зы пщIыхьэпIэ пцIыупс, узыхуейхэр уи
пащхьэ кърилъхьэу,
Зы уэрэд и ежьу, блэкIа махуэм Iубыгъуэ
хуэхъуа,
Таурыхъ схуэзыус си усыгъэхэм и псэ
сфIахилъхьэу,
Си щIалэгъуэ еша, сIэщIэкIынкIэ шына,
кIэрыхуа,
Зы удзыпэ ерыщ, гъащIэ хуэлIэу щIы щтар
къызэпхитхъыу,
Зы бжэндэхъу-нэпсщIэгъэж, си гукъеуэр
тIуащIэ зыщIа,
ЛIыжь нэщхъейм хуеплъэкIа, дыгъэ бзий
щыджэгуну хуей нитI...
19
Гъатхэ хейуэ щхьэхуит, щIы сымаджэр
зыгъэхъужа.
(Къаныкъуэ З.)
20)
Ди гуэныхьыр щашэчым и нэзым
ГузэвэгъуэкIэ ди псэр щынэсым,
Пкъыр щIэлъынущ щIы щIыIэм,
Псэр лъэтэнущ мыпыIэу
Ди гуэныхьыр щашэчым и нэзым.
(Бещтокъуэ Хь.)
21)
Уэшх къешхащ, нэгу щIигъэкIыу хы лъащIэр,
Щоу дунейм бдзэжьеимэ.
Зихъумэжу, удз кIырыр гъуэлъащи,
ЩIыри бгъэгукIэ ехъумэ...
(Ацкъан Р.)
22)
Гуп зэхэсыр уэршэрт, гъащIэ пшэрым щIэхъуэпст,
Ныкъуэчэфхэм фэ дахэ къатеуэт.
Уэ уеплъыхыу ущыст уи лъэтхьэмпэхэм нэс,
Ди зэхуакум уигу тIэкIур щызеуэт...
Си нэбжьыцхэм хъыбар къалъэIэсу хуежьащ
Гу къытлъатэу емыкIу дыкъащIыну.
Сыуэршэру щIэздзащ, щэныфIафIэ зысщIащ,
ФIэкIмэ - нэкIэ уи щхьэцыр злыпщIынут.
(Бещтокъуэ Хь.)
23)
Жэщ ныкъуэщ. Жыгхэр мэдаущыр,
Къуршыжьхэр пфIощI адакъэ сыдж.
Толъкъун IэфIыпсхэм ядэущу
Инжыдж нэпкъ лъагэм щIокIуэсыкI.
(Бемырзэ М.)
24)
Дунейм плъагъуным щхьэкIэ и дахагъыр,
УиIэн хуейщ Гомер нэф и нэ жанагъыр.
20
Хихьэным щхьэ бзу макъыр псэмрэ гумрэ,
Бетховен дэгу уиIэн хуейщ и тхьэкIумэр.
(Бемырзэ М.)
25)
Насыпым игъэфIэн си ныбжьэгъу лъапIэ,
Иджыри щхьэ апхуэдэу унэщхъей?
Гупщысэ хьэлъэ уи гур зыгъэбампIэр
Уи нитIым бжьыхьэ пшагъуэу къыщохъей.
(Бемырзэ М.)
26)
БжьыхьэкIэр къэсмэ, псори пщогъупщэжри
УощIыфыр тыгъэ щIым хуэмыгъэхъей,
ГъащIэм ипхъэхми, гъащIэр зыгъэбжьыфIэ
Си ныбжьэгъу лъапIэ къызитам нэхъей.
(Брай А.)
10. Усэ щырыщ къэщтауэ зэпкърыхын.
Темэ 6
Лагоэд, "усэ щхьэхуит", "усэ хуит", "усэ хужь"-хэр къэбэрдейшэрджэс усыгъэм
1. ЛагоэдкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
2. ЩоджэнцIыкIу Алий и «Жэуап», «Лэу-лэу, си щIалэ» усэхэр зэпкърых.
Я схемэ щIы. Зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
3. Усэ едзыгъуэхэр зэпкърыфх мы схемэм тету:
 Усэр сыт хуэдэ жыпхъэм тету тхами зэхэвгъэкI.
 Сатыр къэс пычыгъуэкIэ зэпывуд, ударенэр тевгъэувэ, стопа
бжыгъэр къыжыфIэ.
 Схемэ хуэфщIи усэр зэрыт жыпхъэр къэфхутэ.
СощIэж – Мадинэ и набдзэр
МазэщIэм хуэдэу къурашэу,
ПшэкIухьым ещхьу щхьэц фIыцIэм
21
Напэхум жьауэ трищIэу,
Сырымэ щIэлъу къыпфIэщIу
Нэ фIыцIэ пIащэхэр лыдыжырт.
Щыгъэхум ещхьу щынэдзэр
Iупэ плъыжь пIащIэм къыIущырт.
(ЩоджэнцIыкIу А.)
4. КIыщокъуэ А. и «Жыг закъуэ», «Жыр пыIэ» усэхэр зэпкърых. Я схемэ
щIы. Зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
5. КIыщокъуэ Алим и «Адэ» поэмэм щыщ едзыгъуэ зэпкърых. Схемэ
щIы. Зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
6. «Усэ хуиткIэ» («вольный стих») зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я
псалъалъэм итхэ. Щапхъэхэр къэхь.
7. Усэ едзыгъуэхэр зэпкърыфх мы схемэм тету:
 Усэр сыт хуэдэ жыпхъэм тету тхами зэхэвгъэкI.
 Сатыр къэс пычыгъуэкIэ зэпывуд, ударенэр тевгъэувэ, стопа
бжыгъэр къыжыфIэ.
 Схемэ хуэфщIи усэр зэрыт жыпхъэр къэфхутэ.
КъэзыIэтым ныдэкIуатэу
ЩIыгум сабэр къыщохъей,
Ар колхозым ди шыбз гуартэр
Псыхъуэ гъуэгукIэ ныдокIуей.
ЕЖЬУ:
Ди хэку лъапIэм
Шы хуэдгъасэр
Нэгъэсауэ адыгэшщ.
Ноби шэс,
Дэни нэс,
Япэ итым
Ар лъэщIохьэ,
КъылъэщIыхьэр ирегъэш.
22
(КIыщокъуэ А.)
8. КIыщокъуэ А. и «ЩIалэгъуэ щIыналъэ» поэмэм щыщ едзыгъуэ
зэпкърых. Схемэ щIы. Зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
9. КIыщокъуэ А. и «Бажэ пшынэ» поэмэм щыщ едзыгъуэ зэпкърых.
Схемэ щIы. Зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
10. КIыщокъуэ А. и «Елбэздыкъуэ» поэмэм щыщ едзыгъуэ зэпкърых.
Схемэ щIы. Зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
11. Усэ едзыгъуэхэр зэпкърыфх мы схемэм тету:
 Усэр сыт хуэдэ жыпхъэм тету тхами зэхэвгъэкI.
 Сатыр къэс пычыгъуэкIэ зэпывуд, ударенэр тевгъэувэ, стопа
бжыгъэр къыжыфIэ.
 Схемэ хуэфщIи усэр зэрыт жыпхъэр къэфхутэ.
1) Макъ лъэщкIэ зигъэIуу, губгъуэшхуэм,
ЗэуапIэм Iут щIыкIэу, жырышыр пхырокI.
МыкIащхъэу къарухэр гъущI лъынтхуэм
Лэжьыгъэ гъэбатэу щызэблокI.
(ЩоджэнцIыкIу I.)
2) Уи гъуэгум нэхърэ нэхъ гъуэгу кIыxь
ЗыкIуа мафIэгу щымыIэ,
ЛIэщIыгъуэ ныкъуэ нэблэгъащ,
Уэ уокIуэ,
УокIуэ,
УокIуэ ...
(Тхьэгъэзит З.)
12.«Усэ щхьэхуиткIэ» («свободный стих») зэджэр тхы. Усыгъэм и
терминхэм я псалъалъэм итхэ. Щапхъэхэр къэхь.
13. Усэ едзыгъуэхэр зэпкърыфх мы схемэм тету:
 Усэр сыт хуэдэ жыпхъэм тету тхами зэхэвгъэкI.
 Сатыр къэс пычыгъуэкIэ зэпывуд, ударенэр тевгъэувэ, стопа
бжыгъэр къыжыфIэ.
23
 Схемэ хуэфщIи усэр зэрыт жыпхъэр къэфхутэ.
Министрым жеIэ:
«Къухьлъатэ мин,
Топу мин тIощIрэ тхурэ,
пулеметрэ автомату минищэ,
кIэрахъуэуи мин щищ
нобэ етщащ зы къэрал гуэрым».
Сэ схуэмышэчу:
«Абы къикIыр мыракъэ –
бэлыхьым хэвдзэ бэр,
фыукI цIыху нэхъыбэIуэ,
фымыбэлэрыгъыу лъы вгъажэ,
сэ сывдэIэпыкъунщ? .. »
Министрым жиIэнур ищIэркъым.
Сэ жызоIэри:
«А къомым щыщу зы кIэрахъуэ цIыкIу
иджыпсту, моуэ уздэщысым,
уи натIэм траунэщIатэмэ,
ар пхуэфащэу къомылэжьауи?»
И дамэр дрешей министрым.
Дауи, абы жиIэнур имыщIэ.
ИщIапэуи сощIри, иджы абы жиIэжым
сытри и мыхьэнэж?
Хэбгъэзыхьмэ, ар езыр,
а министрри, зы насыпыншэ гуэрщ ...
(Къэжэр Хь.)
14. Усэ едзыгъуэхэр зэпкърыфх мы схемэм тету:
 Усэр сыт хуэдэ жыпхъэм тету тхами зэхэвгъэкI.
 Сатыр къэс пычыгъуэкIэ зэпывуд, ударенэр тевгъэувэ, стопа
бжыгъэр къыжыфIэ.
24
 Схемэ хуэфщIи усэр зэрыт жыпхъэр къэфхутэ.
Псалъэм сэрэ ди
закъуэу дыкъонэ,
Нэхур щыным иIэжу
жэщ псо.
Псэр соIулIэри пкъым
къыхызонэ Нэз зимыIэм сэ теплъэ
изот.
Тезыр гуэрхэр
ЩIэрыщIэу къыслъосри,
Сэрмырауэ сэрар
къысфIыщIедз.
Дзыхь хуэзмыщIми, сэ
абы сосэ,
Сыкъеужэгъури
зыкъыспыIуедз.
... 3и къежьапIэ аргуэру
къэслъыхъуэр
Мэхъу и теплъэм
къимыщI арэзы.
Бзэм зы макъи
итынукъым щIыхуэу,
Ухуэмейми, къоузыр а
зырщ ...
ЩызэрадзэкIэ
IулIэ Iуданэр,
Нэзэрыхъэм вагъуэбэр
къытощ.
Щымэ нэху, сыIурихмэ,
25
итIани
Нэгум щIэкIыр
псалъэпкъыу
къысфIощI.
(Къаныкъуэ З.)
15.«Усэ хужькIэ» («белый стих») зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я
псалъалъэм итхэ. Щапхъэхэр къэхь.
Темэ 7
КIэух рифмэр къэбэрдей-шэрджэс усыгъэм
1.
РифмэкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
2. КIэух рифмэ лIэужьыгъуэхэр гъэбелджылы.
3. Рифмэ къызэрыгуэкIкIэ зэджэр къыжыIэ. Щапхъэ къэхь.
4. Рифмэ зэхэлъкIэ зэджэр сыт? Щапхъэ.
5. ПанторифмэкIэ зэджэр. Щапхъэ.
6. Рифмэ зэтехуэр. Щапхъэ.
7. Рифмэ зэтемыхуэр. Щапхъэ.
8. Я ударенэр зытехуэм елъытакIэ рифмэхэр зэригуэшыр. Щапхъэхэр
къэхь.
9. Усэ сатырым зэрыхэувэм елъытакIэ рифмэхэр гуэша зэрыхъур. Щапхъэ
къэхь. СхемэкIэ къэгъэлъагъуэ.
10.Рифмэ зэIухамрэ зэхуэщIамрэ. Щапхъэ.
11. Рифмэ пэжкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
12. Рифмэ къулейкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм
итхэ. Щапхъэхэр къэхь.
13. Рифмэ куукIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
26
14. Рифмэ нэмыгъэсакIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм
итхэ. Щапхъэхэр къэхь.
15. Усэ едзыгъуэхэр зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы. Рифмэ къэзыгъэхъу
псалъэхэр
зэгъусэу
къыхэтхыкI.
КIэух
рифмэ
лIэужьыгъуэхэр
гъэбелджылы. Схемэ щIы.
1) Къызолъыхъуэ сщIын псэлъэгъу,
Уэ улъыхъукъэ уэршэрэгъу?
Дызэхуэхъумэ зэпсэлъэгъу,
Хъунщ дыхъункIи зэныбжьэгъу.
Уэ пщIэ Iэджэ сэ бжеIэснщ,
Сэ сщIэ куэд уэ схуэпIуэтэщ.
Уэ сымыщIэ къызжепIэнщ,
Уэ умыщIэ пхуэсIуэтэнщ.
Зэхэтлъхьэжмэ дэ тщIэ псор,
Хъунщ къэтщIэнкIи дыщIэпсэур
(Тхьэгъэзит З.)
2) Мыин дыдэу сурэт фIэлъщ си пэшым,
КърууитIыр жыпцIэ чэнжым хэтщ.
Сэри си псэу уэ зым ныпхуэзэшым
КъигъэщIа уи теплъэр нэгум щIэтщ.
Мыин дыдэу сурэт фIэлъщ си пэшым,
КърууитIыр удз гъэгъам бгъэдэтщ.
Уэ уи лъагъуныгъэр, ещхьу хуэшым,
Псэр ихузу си Iэпкълъэпкъым хэтщ.
(Къэгъэзэж Л.)
3) И шыкIэ пшынэр игъэбзэрабзэурэ
Дадэ си нэпсыр къысфIыщIеш.
27
Макъамэ лантIэр убзэрабзэурэ
Сигу пцIанэм усэ къыщреш.
(Тхьэгъэзит З.)
4) Псыхьэлъахуэ мафIэ щIызогъэстри
МафIэ бзийхэм изогъэу мы си Iэр,
Ауэ урыхупсым хузогъэпсыр
Сэ IэфIыгъуэу мы дунейм щызиIэр.
Сэ мыбы сыкъокIуэ махуэ къэскIэ,
Си псэр урыхупскIэ согъэхъуэпскIыр.
Хуэму къопсэужри адыгэпсэр,
Псы дэущым хоткIуэ цIыхухъу нэпсыр.
(Нало З.)
5) Акъылыр гъащIэм и дэуэгъуми,
ГуфIэгъуэм гуауэр къуэш ищIащ.
ЩIым ехыжахэр дымылъагъуми,
ГукъэкIыж къуэпскIэ дапыщIащ.
(Мыкъуэжь А.)
6) НэгъуэщI игъащIэм темысами
ЗэвыпIэм си шыр щызэгъа?
Зы увыIэпIэм емысами
КъуэкIийм си алъпыр щалъэхъа.
(КIыщокъуэ А.)
7) Си ныбжьэгъу цIыкIухэм я кIий макъыр,
си шыпхъу нэхъыщIэм и гъы макъыр,
жыг пщIащэм я Iущащэ макъыр,
ди Бахъсэныжь и даущ макъыр.
(Къэжэр Хь.)
8) Упсэун папщIэ ухуейкъым куэдыщэ Iущащэу, убзэу, нуру бзий къудамэ;
Мыусэжыфу уи гур щыпфIэгъущIэм,
28
Бгъэбзэрэбзэну зы уэрэд Iэрамэ;
МэжалIэ гуэрхэр уи япэ къикIэрахъуэм,
УщIэмыфыгъуэну ептын щIакхъуэ Iыхьэ;
Лъэпкъыр яукIыну кърахым кIэрахъуэ,
УкъэмыскIэу лыгъэм гу ухэзыгъыхьэ –
Аркъудейщ узыхуейр…
9) Жьындур зыщIыпIи къыщымыджэ,
Джэрпэджэжыр бгым щожей.
Мэз уафэ лъащIэм и жэщ гъуджэм
ЗигъафIэу йоплъэ уэздыгъейр.
Жыг щIагъым къыщыуша псысэ
Нэбэнэушэр мэзым щIэзщ.
Мэзытхьэ хуиуса и усэр
ЕгъэIур хуэму Ашэмэз.
Уафэ къудамэм вагъуэр пызу,
Я бзийр жыг щхьэкIэхэм фIэсыху,
Таурыхъ зи куэд Къулъкъужын мэзым
Дуней ешам зыщегъэпсэху.
(Уэрэзей А.)
10)Сыщалъхуа къуажэм згъэзэжащи,
Аргуэру си гур мэпIейтей
Зы щIы IэмыщIэ къэсIэтащи,
Сэ IэгукIэ сIыгъыу сфIощI дунейр.
(Балъкъыз Б.)
16.НэхъыфIу плъагъу усакIуэ къащти и усищ зэпкърых. Усэхэр зэрытха
жыпхъэр
гъэбелджылы.
Рифмэ
къэзыгъэхъу
псалъэхэр
зэгъусэу
къыхэтхыкI. КIэух рифмэ лIэужьыгъуэхэр гъэбелджылы. Схемэ щIы.
29
Темэ 8
ЩоджэнцIыкIу А. и рифмэм и гъэщIэгъуэнагъыр
1. ЩоджэнцIыкIу А. и рифмэ къэгъэсэбэпыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр
къыжыIэ. ЩапхъэкIэ къэгъэлъагъуэ.
2. Мы едзыгъуэм къыщыгъэсэбэпа рифмэхэр къэгъэлъагъуэ.
А си "къуэшу" дохутыр нэпцIу
ЦIыху гъэпцIакIуэу къэзыкIухь,
Хьеуан щIыкIэу шхын хуэпамэу
ПщIантIэ-пщIантIэм дэджэдыхь.
("Дохутыр джэддыгъу")
3. ЩоджэнцIыкIу А. и "ТекI бжэщхьэIум" усэр мы щIыкIэм тету
зэпкърых.
 Усэ едзыгъуэхэм хэт псалъэхэм ударенэ ятегъэувэ, пычыгъуэкIэ
зэпыуд, схемэ хуэщI.
 Пычыгъуэ дапщэ хъу стопакIэ тхами къэхутэ.
 Стиххэр стопа дапщэ хъуми тхы.
 Усэ едзыгъуэхэр зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
 Едзыгъуэхэм къыщыгъэсэбэпа рифмэ лIэужьыгъуэхэр гъэнаIуэ.
 Рифмэ къэзыгъэхъу псалъэхэр зэгъусэу къыхэтхыкIи щIэтхъэ.
4. ЩоджэнцIыкIу А. и "Майм и 1-м" усэр мы щIыкIэм тету зэпкърых.
 Усэ едзыгъуэхэм хэт псалъэхэм ударенэ ятегъэувэ, пычыгъуэкIэ
зэпыуд, схемэ хуэщI.
 Пычыгъуэ дапщэ хъу стопакIэ тхами къэхутэ.
 Стиххэр стопа дапщэ хъуми тхы.
 Усэ едзыгъуэхэр зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
 Едзыгъуэхэм къыщыгъэсэбэпа рифмэ лIэужьыгъуэхэр гъэнаIуэ.
 Рифмэ къэзыгъэхъу псалъэхэр зэгъусэу къыхэтхыкIи щIэтхъэ.
5. ЩоджэнцIыкIу А. и "Къулъкъужын и зы махуэ" усэр мы щIыкIэм тету
зэпкърых.
30
 Усэ едзыгъуэхэм хэт псалъэхэм ударенэ тегъэувэ, пычыгъуэкIэ
зэпыуд, схемэ хуэщI.
 Пычыгъуэ дапщэ хъу стопакIэ тхами къэхутэ.
 Стиххэр стопа дапщэ хъуми тхы.
 Усэ едзыгъуэхэр зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
 Едзыгъуэхэм къыщыгъэсэбэпа рифмэ лIэужьыгъуэхэр гъэнаIуэ.
 Рифмэ къэзыгъэхъу псалъэхэр зэгъусэу къыхэтхыкIи щIэтхъэ.
6. ЩоджэнцIыкIу А. и "Си нитIыр ныхоплъэ" усэр мы щIыкIэм тету
зэпкърых.
 Усэ едзыгъуэхэм хэт псалъэхэм ударенэ ятегъэувэ, пычыгъуэкIэ
зэпыуд, схемэ хуэщI.
 Пычыгъуэ дапщэ хъу стопакIэ тхами къэхутэ.
 Стиххэр стопа дапщэ хъуми тхы.
 Усэ едзыгъуэхэр зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
 Едзыгъуэхэм къыщыгъэсэбэпа рифмэ лIэужьыгъуэхэр гъэнаIуэ.
 Рифмэ къэзыгъэхъу псалъэхэр зэгъусэу къыхэтхыкIи щIэтхъэ.
Темэ 9
Къэбэрдей-шэрджэс усыгъэм и строфикэр
1. СтрофакIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
2. ДистихкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
3. ТерцеткIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
4. КатренкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
5. СекстинэкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
31
6. СептимэкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
7. ОктавэкIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
8. ТриолеткIэ зэджэр тхы. Усыгъэм и терминхэм я псалъалъэм итхэ.
Щапхъэхэр къэхь.
9. СонеткIэ зэджэр. Щапхъэхэр.
10. Усэ едзыгъуэхэр мы щIыкIэм тету зэпкърых.
 Усэ едзыгъуэхэм хэт псалъэхэм ударенэ ятегъэувэ, пычыгъуэкIэ
зэпыуд, схемэ хуэщI.
 Пычыгъуэ дапщэ хъу стопакIэ тхами къэхутэ.
 Стиххэр стопа дапщэ хъуми тхы.
 Усэ едзыгъуэхэр зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
 Едзыгъуэхэм
къыщыгъэсэбэпа
рифмэ
лIэужьыгъуэхэр
гъэнаIуэ.
 Рифмэ къэзыгъэхъу псалъэхэр зэгъусэу къыхэтхыкI.
 Едзыгъуэхэр зэрызэхэт стих бжыгъэмрэ апхуэдэ едзыгъуэхэм
зэреджэмрэ фтхы.
1)
Губгъуэм япэ ситщ,
Тхылъхэм си цIэр итщ,
Уэ дагъуэ схуэпщIым жыпIэн ухуитщ.
(КIуащ Б.)
2)
МыIэрысэм
И гъуэ мыхъуу
И мэ IэфIыр къыпимых.
Лъагъуныгъэр
Гум нэсакъым
ЖыпIэу си псэр къыIуумых.
(КIыщокъуэ А.)
3)
Лъэр ныщIогъуащэ жэщ вагъуэбэм,
32
УдзыпцIэм щэхуу сыныпхокI.
МазэщIэр хуэму къысхущIокI.
Лъэр ныщIогъуащэ жэщ вагъуэбэм.
Мазэгъуэ жэщым сигъэхуабэу,
Псэхугъуэр си пкъым ныщхьэщокI.
Лъэр ныщIогъуащэ жэщ вагъуэбэм,
УдзыпцIэм щэхуу cыныпxoкI.
(Абазокъуэ Къ.)
4)
Ди гъащIэ нэху,
Ди дуней хуит,
ЖыдмыIа псалъэ
ДыгъащIэ Iуэху,
НыбжьыфIым дитщ,
Демыжьэу пIалъэм.
Дэтхынщ ди Iуэху,
ДымыщIэу псэху,
ДихьыхукIэ ди лъэм.
Дыщысщ къэтщIэху,
Псалъэм и щэху
Дунейм дыхэплъэу.
(Абазокъуэ Къ.)
5)
Уэгу пшагъуэм ит вагъуэу
Иджыри сощIэж,
Уи нитIыр нэпсыбэм
Ятхьэлэу лыдат,
"Бийм текIуэ, си щIалэ,
Узыншэу къэкIуэж", Ар жыпIэу си ужьым
УимыкIыу уитат.
(КIыщокъуэ А.)
33
6)
Апхуэдэ защIэщ
Ди дунейр,
Зауэншэ хъуркъым.
Куэдщ нэпсейр.
Гъэгъат хъарзынэу
Жыг хэтсар,
Арщхьа нэхъыбэщ
Гузэсар.
Дэрт зауэ-банэу
Емысар.
(КIыщокъуэ А.)
7)
Уэракъэ лъэсыр,
Е гукIэ къэсыр,
Е ерпыланкIэ къэлъатэр?
Уэ укъэмысу
Къосыр хъыбарыр,
Бысымым и гур мэятэр.
Зыгуэр къолъаIуэр,
Пкъохэр йодаIуэр,
Хирурги къэвгъакIуэ,
Нэхъ IэкIуэлъакIуэр!
ЖаIэу зэхахмэ,
Хирург макIуэ,
ЯIыгъыу щIакIуэ,
Хущхъуэр зэдахь.
(КIыщокъуэ А.)
8)
Насып дыгъэпсу IэфIыщэм
Гум мыух лъагъуэр ныпхеш...
Хэку "Сабиигъуэу" - лъапIащэ! Уэ сыпхуэныкъуэу сигу хощI!..
34
(Балъкъэр Ф.)
9)
Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Гъатхэм щIылъэр удзкIэ зэлъыIуех,
Ягъэ кIынкъым, нобэ сызэхэх.
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху.
(Балъкъэр Ф.)
10)
Нобэ гупсэхуу уафэм дэплъейм,
нэхъ насыпыфIэ темыт мы дунейм.
Бжы - а насыпыр сэ уэстауэ,
цIуугъэнэр сыт - абы елъытауэ.
(Къэжэр Хь.)
11)
Уи гур уи псэм хуэхъумэ гъуазэ,
УкIуэдами, къимыгъазэ.
ЦIыхум и гур арщ зыхуэдэр.
Гуауэу иIэр куэд е мащIэ ЕбзыщIыфыр уимыгъащIэу.
ЦIыхум и гур арщ зыхуэдэр.
(КIыщокъуэ А.)
12)
Дэ дыкъалъху дыкъэмыплъэфу,
ДымыкIуэфу дызыхуейм.
Дэ къыддалъху гугъэ IэфIыр,
Дытришэрэ дунейм
ЩIым и гъунэм дигъэплъэфу.
(КIэщт М.)
13)
Сигу хьэщыкъ лыдар
Уэрщи зубыдар,
Узмылъагъумэ, махуэр кIыфI сфIощI.
Ауэ гухэлъ сщIар
Хэутэн зыщIар
35
Лъагъуныгъэ мыщIщи, си гур хощI.
(ЩоджэнцIыкIу I.)
14)
Гухэлъыр мафIэу маблэ, Ныбжьэгъухэм фи нэр вгъаплъи,
ЗевгъэщIыт джэгум кIащхъэ, КъытхуещI лэгъунэм нащхьэ.
Уей дуней, уей дуней,
Псэм хэлъыр гуащIэмэ
Жэщу кIыхьри мащIэкъэ, уей.
(Балъкъэр Ф.)
15)
Дэсщ ди къуажэ зы хьэулей
Яхуэмылажьэу.
ХьэмкIэшыгу исырейщ
И шыдыр жьажьэу.
ХьэмкIэшыгум ар щхьэ ис жи, уей, уей.
Победащхъуэм итIысхьэнт,
Къылъысатэм,
Ди уэрэдри зэхихынт,
Ар ди гъусатэм.
(КIыщокъуэ А.)
16)
Абы мащIэу сегъэгушхуэ,
Мыр жысIэнуи сытогушхуэ:
- Си псэм хуэдэ Мадинэт,
Уи жэуапыр, кхъыIэ къызэт!
Бжьыхьэм нэхърэ нэхъ щыигъуэ
Сыт щыIэну хьэгъуэлIыгъуэр?..
- Пэжщ а жыпIэр - бжьыхьэ махуэр
ХьэгъуэлIыгъуэм хуоIумахуэ.
Ауэ уэркъым сыздэкIуэныр,
Мес къыспоплъэ сызышэнур.
36
(ЩоджэнцIыкIу I.)
11. УсакIуищ я усэ зырыз къащти мы щIыкIэм тету зэпкърых.
 Усэ едзыгъуэхэм хэт псалъэхэм ударенэ ятегъэувэ, пычыгъуэкIэ
зэпыуд, схемэ хуэщI.
 Пычыгъуэ дапщэ хъу стопакIэ тхами къэхутэ.
 Стиххэр стопа дапщэ хъуми тхы.
 Усэ едзыгъуэхэр зэрытха жыпхъэр гъэбелджылы.
 Едзыгъуэхэм
къыщыгъэсэбэпа
рифмэ
лIэужьыгъуэхэр
гъэнаIуэ.
 Рифмэ къэзыгъэхъу псалъэхэр зэгъусэу къыхэтхыкI.
 Едзыгъуэхэр зэрызэхэт стих бжыгъэмрэ апхуэдэ едзыгъуэхэм
зэреджэмрэ тхы.
37
3. Литература
3.1 Основная литература
1. Адыгэ литературэм и тхыдэ. Япэ тхылъ. Налшык, 2010.
2. Адыгэ литературэм и тхыдэ. Ет1уанэ тхылъ. Налшык, 2013.
3. Брюсов В.Я. Основы стиховедения. Общее введение. Метрика и
ритмика. 2012.
4. Илюшин А.А. Русское стихосложение. Учебное пособие для вузов.
Высшая школа, 2009.
3.2 Дополнительная литература
1. Гутов А.М. Поэтика и типология адыгского нартского эпоса. Н, 2000.
2. История адыгейской литературы в 3-х томах. Майкоп: 2007.
3. Куашев Б.И. Стихосложение нартского эпоса. Собр. соч. в двух томах.
Т.2, Нальчик, 1966.
4. Куашев Б.И.Строение кабардинского стиха. Собр. соч. в двух томах.
Т.2, Нальчик, 1966.
5. Кардангушев З.П. Поэтика адыгских песен. Вестник КБНИИ, вып. 3,
Нальчик, 1970.
6. Нало З.М. Институт джегуако. Нальчик, 2011.
7. Пшиготижев А. Кабардинское стихосложение. Нальчик, 1981.
8. Хакуашев А.Х. Адыгское стихосложение. Нальчик, 1998.
38
Скачать