ИДЕИ И ОБРАЗЫ СОВРЕМЕННОЙ КАБАРДИНСКОЙ ПОЭЗИИ © Бакова З.Х., Вологирова А.А. Кабардино-Балкарский государственный университет им. Х.М. Бербекова, г. Нальчик Статья подготовлена на одном из государственных языков РФ – кабардино-черкесском. ЛIэщIыгъуэщIэм ипэ илъэс 15 къызэднэкIам адыгэбзэкIэ къыдэкIащ усэ сборник зы 15 хуэдиз – псори фIы защIэу. Абыхэм щыщщ Сонэ Абдулчерим и «Iэгу-махуэ IэщI-жэщ»-ыр (2001), Тхьэгъэзит Зубер и «Iэужь»-ыр (2002), Хьэту Пѐтр и «Псэгъэкъабзэ» (2003), «Бжьыхьэ удж» (2008), «ПщIащэ пыху» (2010) тхылъхэр, Бещтокъуэ Хьэбас и «Дуней телъыджэ» (2003), «Бжьыхьэ дыщафэ» (2006) усэ тхылъхэр, Уэрэзей Афлик и усэ тхылъхэу «Кхъужьей къудамэ»-р (2004), «ЛIэужь» (2013), Ацкъан Руслан и «ЩхьэегъэзыпIэ» (2003), «Къэгъэзэжыгъуэ» (2009) усэ тхылъхэр. Къагъырмэс Борис и «Щыхьэт»-р (2006), КIэщт Мухьэз и «Къыпхузогъанэ»-р, (2007), Къэжэр Петр и «Гуапагъэ»-р, (2009), IутIыж Борис и «Тхыгъэхэр», Къэжэр Хьэмид и «Усэхэр» (2013), н. Мыхэр зи IэдакъэщIэкI псори, зэрыгурыIуэгъуэщи, акъылкIи, я дуней еплъыкIэкIи, тетыкIэкIи, илъэс бжыгъэ къагъэщIамкIи, тхьэшхуэм къарита таланткIи зэщхьу тхужыIэнкъым. Ахэр зэщхьтэмэ, ди литературэр зэшыгъуэ дыдэ хъунт. Ди усакIуэ щIалэхэми яхэтщ я зэфIэкIкIэ мы нэхъыжьхэм занщIэу ябгъэдэбгъэувэ хъунхэри. Ар узгъэгуфIэщ, – ар ипэ итахэм къарууфI зэрахэлъам, зэрылъэщам и нэщэнэщ. Пэжщ, ахэм псоми иджыри къыдагъэкIыфакъым я зэфIэкIыр щызэхуэхьэса усэ тхылъхэр, ауэ адыгэбзэкIэ къыдэкI газет закъуэм, «Iуащхьэмахуэ» журналым усэ Iэрамэу зэщIэкъуауэ я тхыгъэхэр къытохуэ. КъинэмыщIыуи, иджыпстурей дуней зекIуэкIэм хуэкIуэу, интернетым куэду къыщыбгъуэтыфынущ ахэм я Iэрытххэр. Ди нэхъыжьхэм апхуэдэу, тхылъымпIэм нэса къудей жаIэу, занщIэу я тхыгъэм щыгъуазэ уащIынкъым, ауэ ди щIэблэр нэхъ ехьэжьащ – зэманым декIуахэщ. КIыщокъуэ Алим усакIуэ щIалэхэм захуигъазэу мыр итхыгъат: Уэ узэфэну псы къабзэр КъыщIэмыжауэ си гугъэщ. ЗыкъыздумыщIыт упIащIэу – Пшэм хэт нур дахэр уи дыгъэщ. (УсакIуэ щIалэм) Профессор кафедры Литературы и фольклора народов Северного Кавказа. Магистрант. Литература 57 ЕкIуу жаIа хъуащ. Мыхэр, тхыгъэ щхьэхуэ яхуэфащэу, зы гупышхуэ мэхъу. «Ди усакIуэ нэхъыжьхэм къащIэхъуа щIэблэм и лэжьыгъэр нэгъэсауэ къэхутэным критикэр иджыри хунэсакъым, а лэжьыгъэм хэпхъуэхэхыу зэзэмызэ теIэбэ мыхъумэ» [5, 387], – итхыгъат литературэхутэ, щIэныгъэлI Сокъур М. 1981 гъэм, иджы ди усакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ, гъэ блэкIам (2014) «ЦIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр зыфIаща Бицу Анатолэ и творчествэр зэпкърихыу. Критикэ и лъэныкъуэкIэ, дызэрижагъуэщи, иджыри а гъуэгум дытетщ, хэдгъэщIа щымыIэу. Сыт иджы мы усакIуэхэм (гу лъытэн хуейщ псори зэрыцIыхухъум) я усыгъэм къыщаIуатэр – сыт зытеусыхьхэр, сыт ягъэлъапIэр, сыт ягъэдахэр, сытхэра темэ нэхъыщхьэ ящIыр? Зыри щIэкъым, зэ хэплъэгъуэкIэ – лъагъуныгъэ, цIыхугъэ, ныбжьэгъугъэ, насып, си къуажэ, си къалэ н. Анэм, Хэкум, лъахэм хэIэтыкIауэ хуэусэн, анэдэлъхубзэм хуэгумащIэн, адыгэ лъэпкъым и щхьэм кърикIуам, и нэгум щIэкIам, и къэкIуэнум – ахэращ ди усакIуэхэм темэ нэхъыщхьэ ящIар. Зыри щIэкъым жыпIэ щхьэкIэ – ар зэIуплъэгъуэущ – мыхэм псоми зэмыщхьыущ а темэхэр къызэраIуатэр – щхьэж и къаухьым, и талантым хуэкIуэжу анэдэлъхубзэ къабзэкIэ къэгъэлъэгъуа хъуащ цIыхур дунейм къызэрытехъуэрэ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр. Иджы дыхэвгъаплъат ахэм. Псалъэм папщIэ, псори зэкIуэлIэж Хэку, лъапсэ темэр къатщтэмэ: Адыгэм къалъыса лейм И бампIэр къытпкърыхьамэ, ТIэкIу тетыгъуейщ мы дунейм, Къэнжалу псэр мыпсыхьамэ. Къэнжали дэ димыIа, БдзапцIэши – дэ дымылъыхъуэ, ИгъэщIэкIэ къауIа Ди лъэпкъым си псэр хуощыгъуэ. (Бещтокъуэ Хь., 2004) ***** Факъырэу хыхьэж адыгэ Ди лъэгъэнэгъухэм ялъагъу – КъекIуэкIа лъэпкъыр хуэпагэу Хуэныкъуэщ нобэ гущIэгъу. (Сонэ А., 2001) ***** ИрамыгъэщIу хэку унагъуэ, КърамыгъэкIыу зэи шыбгым, И бгыр щIикъузэурэ, бгы псыгъуэ ЩIэхъуар аратэкъэ адыгэр? (Уэрэзей А., 2004) 58 ДОСТИЖЕНИЯ ВУЗОВСКОЙ НАУКИ Мыбдей къэтхьа усэ пычыгъуэ кIэщIхэмкIэ къыбгуроIуэ, ди усакIуэхэр нэхъ зытегузэвыхьыр. Ахэр сытым хуэусэми, зыхалъхьэ уэрэдыр Хэкум и образырщ – къикIуари, зытет гъуэгури, здынэсынури лъэщ дыдэу яухуэ. Мис аращ мы усэхэм я лъэпIэныгъэр, дэри ахэр апхуэдизу щIызыхэтщIэр ди гум къопсэлъыкIхэ ди усакIуэхэр – щIэблэми гъуэгугъэлъагъуэ яхуохъу. Хэкур, лъапсэр, лъахэр уэ къызэрыбгурыIуэщ, дауикI. Зым и дежкIэ ахэр – анэдэлъхубзэщ, нэгъуэщIымкIэ – ди тхыдэм и напэкIуэцI гуузхэрщ, адреймкIэ – щIалэгъуалэ гъэсэныгъэрщ. Ауэ псори зэхолъэдэжри – Адыгэ Хэкум и уэрэд е и гъыбзэ мэхъуж. КIыщокъуэ Алим зы поэтическэ тхыгъэ иIэщ «Усэм хэлъ гъущIыр» жиIэу. Гупсысэ етшэжьам джэлэс хуохъури, къэтхь хъунущ абы щыщ сатырхэр: ДзитI зыIут жырыр улъиямэ, Пхуэхъункъым Iэщэ – ари пэжщ. Си усэр къамэщ, ар къисхакъэ – Дыгъэ тезгъапсэу измылъхьэж. Сымышэсыжу жьы сыщыхъум, Нэхъ лIыфIхэм къамэр естыжынщ, Сэ усэу стхахэм гъущIу хэлъыр БашфIэлъхьэ сщIынщи сежьэжынщ. ЩIыжытIэращи, ди усакIуэ нэхъыжьхэм я усэм иджыри хэлъщ Алим жыхуиIэ гъущIыр. Ди гугъэнщ, щIэблэми ар къащтэфыну. Мы усэ тхылъ къедбжэкIахэм, сыт и лъэныкъуэкIи, ипэ итщ КIыщокъуэ Алим и «Щхьэлыкъуэ» – р. Ар къыдэкIащ 2001 гъэм. Алим и творчествэ псор къапщтэрэ уриплъэмэ, гурыIуэгъуэ мыхъуу къанэркъым лъапсэрэ лъабжьэрэ и тхыгъэхэм хуэхъуар къыздикIам. ЖытIэнуращи, хэку, лъэпкъ, лъапсэ, бзэ, хабзэ темэхэр кIуэцIрокI КIыщокъуэ Алим и творчествэ псом. "Бгы лъапэхэм деж" (1941) и япэ усэ тхылъым къыщегъэжьауэ и иужьрейм – "Щхьэлыкъуэм" (2001) – деж щиухыжу абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъу хъуам бгъэдыхьэкIэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыщыIуэтащ ар. КъызэрыщыIуэтари темэм зригъэубгъу зэпытурэ, гупсысэр нэхъ куу, нэхъ жан, къигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр нэхъ къулей ищI защIэурэ зэрекIуэкIар нэрылъагъущ. КIыщокъуэ-усакIуэм и зыузэщIыныгъэм, адыгэ поэзием, псом япэу лирикэм зыужьыныгъэшхуэ зэригъуэтам и щапхъэщ хэку темэм ехьэлIа и философие лирикэр. Абы къызэщIеубыдэ, нэхъ ищхьэмкIэ къызэрыхэдгъэщащи, усакIуэм и анэдэлъхубзэм къыщыщIэдзауэ псори: бзэри, хабзэри, тхыдэри, нобэ дызыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэри, пщэдей къэкIуэнури, н. къ. Зы цIыху щхьэхуэм, зы лирикэ лIыхъужьым и гущIагъщIэлъхэмрэ лъэпкъым натIэ хуэхъуамрэ зэтехуэрэ, зэтемыхуэ дыдэми, зэпэгъунэгъуу пIэрэ? Литература 59 Хьэмэрэ Алим и усыгъэр зыхуэгъэпсар адыгэ лъэпкъым и къру закъуэхэрауэ пIэрэ? Къыдэпсалъэм, къыдэущийм сытхэр и гукъеуэ, сыт зыгъэгуфIэр, сыт зыгъэпIейтейр? Ди къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуащи, усакIуэр зэикI псэуакъым и щхьэ закъуэм щхьэкIэ – и Iуэхур иригъэфIэкIуэн, игъэдэхэн щхьэкIэ. КIыщокъуэм и лирикэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, зы жэщ-махуэм зэфIэувакъым. Ауэ, къэхутакIуэ куэдым гу зэрылъатащи, абы къару гуащIэ щигъуэтар зауэ зэманырщ, ар IупщI щыхъури 1946 гъэм къыдигъэкIа "Шум и гъуэгу" тхылъ телъыджэрщ. Дызытепсэлъыхь темэми зыщиужьар, КIыщокъуэм и творчествэм абы увыпIэ лъагэ щиубыдар а лъэхъэнэрщ. Зауэ нэужь илъэсхэрщ "ЩIалэгъуэ щIыналъэ" (1948), "Партыр ди пашэу" (1953) усэ тхылъхэр дунейм къыщытехьар. Ауэ сыт хуэдэу зэманым зимыхъуэжами, Алим и хэкум, и лъапсэм, и бзэм, и лъэпкъым зэи епцIыжакъым, Iужажагъэ хэлъуи зы усэ итхакъым. Мыпхуэдэ къыщIэдзапIэхэрщ яIэр "Щхьэлыкъуэ" тхылъым хыхьахэм: Сыкъыщалъхуауэ сэ си къуажэр ПщIыхьэпIэм хуэдэу нэгум щIэтщ. ("Ди унэжь") Сыжейми, си нэр зэтесхами, Щхьэлыкъуэ къуажэр щIэтщ си нэгу. ("Сыжейми...") Лъахэр егъэлеяуэ фIыуэ зылъагъу лирикэ лIыхъужьым – усакIуэм – къелъытэ абы и псым нэхъ IэфI щымыIэу, ар чэф ящI абы и удзымэм, абы и жыг хадэр жэнэтщ – уи балийри, уи кхъужьри, мыIэрысэри щыгъунэжщ; хэкум дыгъэм и бзийхэри щынэхъ уэрщ, пшэплъри щынэхъ дыхьэрэнщ, и уафэм вагъуэхэри щынэхъ гуэрэнщ... ЩыIэкъым, абы хуэдэ! Аращ усакIуэм и пщIэмрэ и щIыхьымрэ ихъумэным нэхъ къалэн ин дунейм щIыщимыIэр, лъахэм псэр щIитыну хьэзырщ лирикэ цIыху пажэр. Литературэр: 1. Бештоков Х. Золотая осень. Сборник стихов. – Нальчик: Эльбрус, 2006. 2. Введение в литературоведение / Под ред. Л.В. Чернец. – М., 2004. 3. Кешоков А. Шалушка. Стихи. – Нальчик: Эльбрус, 2001. 4. Оразаев А. Грушевая ветка. Стихи. – Нальчик: Эльбрус, 2004. 5. Сокуров М. Избранные произведения. – Нальчик: Эльбрус, 1995. 6. Сонэ А. Свет и тень. Стихотворения и поэма. – Нальчик: Эльбрус, 2001. 7. Теория литературы в 2-х томах / Под ред. Н.Д. Тамарченко. – М., 2004.